tgindex
НАРТАРХЭР адыгэ фэнтези

НАРТАРХЭР адыгэ фэнтези

Статистика
@nartarsрусский

Япэ адыгэ фэнтези. «Уэсрэ Нэсрэ» «Мыващхъуэ» «Къэшэн»

Последний пост
12 июл.
Последнее чтение
13:25
Постов за неделю
0
Всего постов
23
Тип
открытый
Язык
русский
В каталоге с
15 авг.
Подписчики
510
0 за 1 дн.
Сутки
 
Неделя
 
Месяц
 
Просмотров на пост
322
23 постов
Вовлечённость
63,1%
к подписчикам
Постов в день
0,0
всего 23
Упоминаний
1
каналов
Охват размещения
оценка
1/24сутки в ленте
1/48двое суток
1/72трое суток

Оценка по просмотрам недавних постов: пост набирает почти всё за первые сутки.

Посты

  • Хэт и гугъэнт ӏуэхум / къэхъуам / ӏуэтэжым / сюжетым и къежьапӏэр и кӏэух хъужыну? Тхыгъэр зытхыр сэращи, сэ езым сщӏакъым «Уэсрэ Нэсрэ» ӏыхьэр «Нартархэр» романым и кӏэм схьыну. Ауэ апхуэдэу хэзэгъащ. Мыдрей ӏыхьитӏыр - къызэрызэӏусхымрэ ику итымрэ гушыӏэ фэнтези хъуащ.

  • «Уэсрэ Нэсрэ» тхылъым сыкъеджэу ди радиомкӏэ къатыжри федаӏуэ пщэдей 12.07.2026 сыхь. 10:40. Дяпэкӏи а сыхьэт дыдэм, бэзэрмахуэм. КъБ радиор къыщиубыдыр 95,5 FM. «Уэсрэ Нэсрэ» тхыгъэр «Нартархэр» романым и ӏыхьэщ.

  • Нэужьыдзэ Щlыпӏэцӏэщ мыр. Ауэ тхыгъэм зэрыхэтымкӏэ ныуэжь / фызыжьхэр зэгухьэу къызэрагъэпэща дзэщ. Зэрыстхри «ныуэжьыдзэ» жиӏэущ. Дзэ - зубы Дзэ - войско «Нартархэр» тхылъым и япэ ӏыхьэм еджахэм ящӏэ ныужьыдзэр къыздикӏар, я псэупӏэр. Иджы мис псоми фолъагъу. Дэнэ щӏыпӏэ щыӏэу фщӏэрэ мы лъагапӏэр? Ныуэжьыдзэр къэзгупсысащ, щӏыпӏэ хьэзырыххэу щыӏэм «дэзгъэтӏысхьащ». #адыгэбзэкӏэфэнтези

  • Нобэ «жьы зыщlедгъэхуащ» тхылъхэмрэ сэрэ. «Нартархэм» лъагъуэ яхухэсшауэ собж. Фыщытесшэфынур Тхьэм ещӏэ, ауэ псори ӏупщӏу си нэгу къыщӏоувэ! #креативныйЭльбрус

  • 20 мая1 39396

    *** Уадыгэну нобэ гугъу? Уадыгэныр нобэ лIыгъэщ. УщызыгъэIэ Тхьэм и тыгъэу Къоушри дыгъэр, напэр пIыгъщ… Зы гугъэ нэхукIэ дэшэсыкI, ХьэрэмэIуащхьэ къуита пIалъэр Узыхалъхуа лIэщlыгъуэм налъэу ЩигъэлъэлъэжкIэ, уэри пыкI! Пычыгъуэр гуауэкIэ зыпсыхь Адэжь яукIахэм я гукъанэм, КъекIэрэхъуэкIмэ архъуанэу, Ехыжи пщIэ, зумыщI и тыхь… ИджыкIэ куэдым замыщIэж. Къоунэхури щIэблэ, аргуэрыжьу И щIагъкIи, и щхьэкIи хамыбжэ – Ар дызыхэту дызыхьэжщ. Уадыгэным къокIыр куэд. Къэзыхутам адыгэм и пIэр, ЗыхэзыщIам адыгэм и пщIэр И гугъэр зэи фIэмыкIуэд… А гугъэм ди щхьэр дегъэӏэт! Къаныкъуэ Заринэ

  • 7 апр.1 701115

    Бэтит Мухьэмэд Мэлыжьыхь мазэм теухуауэ   Мы мазэм хуэдэу хуэзэу фIаща фIэщыгъэцIэ куэд щыIэкъым, щыIэми абы ящыщ зыщ. ЗэрытщIэщи,гъатхэр псэущхьэу щIым тетым къатохьэлъэ, ипэхэм деж  дунейм и зыхъуэжыгъуэщ. Гъатхэпэ (март) мазэр егъэлеяуэ мазэ кIыхьщ, хьэлъэщ. Адыгэм игъащIэм Iэщ зэрахуэ, шы, IэщIэвыщIэ, жэм, мэл, бжэн… ЩIымахуэм пэщIэта Iэщым и къарур кIуэщIауэ, къарууншэ хъуауэ хуозэ. Ар псэущхьэ псоми  зэхащIэ, псоми  ящыщ щихь (щыхэлIыкI) щыIэщ,  ауэ псом нэхърэ мэлым нэхъ зэхещIэ. Япэрауэ, адыгэ мэлыр илъэсым тIо къащ: щIымахуэм зыхуигъэхьэзыру зэригъэпэща цы хуабэр трагъэкI. Адыгэ мэлыр игъащIэм чэт щIагъэт, бэгу мыхъун щхьэкIэ къащ, абы имызакъуэу, щыгъыным я нэхъыфIыр къызыхащIыкIыр бжьыхьэцырщ.  ЩIымахуэм чэтым щIэтыху къытекIэж цыр куэдкIэ нэхъ цIырхъщ икIи нэхъ щабэщ, аращи щIымахуэр ирихауэ, къарууншэу гъатхэпэ мазэ гугъужьри ирелъэфэкI, мэлхьэпIатIэм зэщIищтауэ.  Илъ хьэпIатIэм зэрырифым нэмыщIыжкIэ, и тхьэмбылым йоуэ. ХьэпIатIэмрэ гъатхэ щIыIэмрэ мэлыжь къарууншэр тхьэмбылейи мэхъу, гъатхэ дыгъэм къегъапцIэри и пкъыр егъэлалэ, удзыщIэ къэкIам холъадэри абыйкI зэщIех. Удз цIыкI ущыIэщ хужьу гъагъэу, шынэ-шынэ удзым ещхьу,мэлыжьыхь мазэм ипщI и пщыкIутхухэм куэду къытырекIутэ ар. Мэлыжь  гужьеям ешхри абы егъэбэг, аIуейми аращ къарищIэр.  Апхуэдэхьэзабым хэт амыщыр уэшх щIыIэм псыф мэхъу,жьы щIыIэ къыщIехужри, мэл жьы хъуа къарууншэр апхуэдизым къелкъым. Бжэнри апхудабзэщ, ауэ бжэныр къожьыфри, емызэгъын ишхамэ къежьыжыф, арщхьэкIэ а Iуэхугъуэм ари къыщемыл щыIэщ.  Аращи, мэлыжь дзэ зыIуымытыжым зыхуей удзыр къыхуимычмэ, удз щабэ къыдэжеяр емызэгъмэ, абы къедбжэкIа къомыр хэтыжмэ аращ мэлыжьыхькIэ мазэм щIеджэр. Ауэ щыхъукIи мэлыжь псори ирищIыкIкъым, къару  нэхъ зиIэ, мэлхьэпIатIэм имыбла, тхьэмбылей мыхъуахэр къызэтонэ. Апхуэдиз зыкIэлъымыкIуагъэр къеуэмэ мэл нэхъ щIалэIуэри егъэджалэ. А псори щекIуэкIыр мы зымазэращ, адкIэ хуабэмрэ удзымрэ къару къыщIохьэри сыт хуэдэми яIуэтэж, нэхъ зэтоувэж. Мы мазэм вабдзэр щIым щыхыхьэ жыхуиIэ IуэхугъуэфIри щаIэту, щагъэлъапIэу щытауэ ди нэхъыжьыфIхэм къаIуатэ. ГъатхэфI, гъалъхуэфI,гъэбэв гъэ узыншэ Тхьэм тхуищI.   Жэнхъуэтекъуэ къуажэ.

  • Благъуэр яцIыхутэкъым, усэ зэхэтлъхьащ. Дыгулыбгъуей. 19.03.2026 гъ.

  • видео или голосовое, без подписи

  • Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ и махуэм ирихьэлIэу Дзэлыкъуэкъуажэ зэхыхьэ щытщIащ. «Нартархэми» дытепсэлъыхьащ. ГъэщIэгъуэнт тхылъым еджахэми, емыджахэми я упщIэхэр. Ассанэ жиIаращ: «Благъуэм ират пщащэхэр къезыгъэлын апхуэдиз нарт лIыхъужьхэм къахэмыкIауэ ара?» КъахэкIатэкъым, аращ сэри згъэщIэгъуар! «Уэсрэ Нэсрэ» тхылъым щIэдзапIэ хуэхъуар аращ!

  • ТхьэмахуитI щIигъуауэ сыкъэтхакъым мыбдеж. Хэт и фIэщ хъун зы махуэ дэзмыгъэхуауэ "Нартархэм" селэжьу? Ноби абы хэтыжу.

  • Фи махуэ фIыуэ! Си гугъэмкIэ, "Уэсрэ Нэсрэ" хэт псалъэ нэхъ гугъухэр (нэхъ мащIэрэ дызрихьэлIэхэр) псалъалъэ тщIымэ, куэдым ягу зэгъэнущ. Иужь сихьэнщ. Ауэ сыт сщIэнур, схуэщIэнур, тхуэщIэнур, "благъуэ" псалъэм къикIыр зымыщIэ сабий, ныбжьыщIэ адыгэ къуажэ дыщрихьэлIэмэ? Сабийм адыгэбзэкIэ псысэ зэхахыжыркъым. Нартхэм зыри къахуеджэркъым. Псысэм щIамыпIыкIам адыгэбзэм и IэфIыр ищIэну? ..

  • 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 🔥 💚💚 💚💚💚 💚💚💚💚💚💚💚 💚💚💚💚💚 💚💚💚💚💚💚💚💚💚 💚💚💚💚💚💚💚 в Исламейской модельной библиотеке состоится встреча с поэтом ,писателем 💚💚💚💚💚💚💚 💚💚💚💚💚💚💚💚💚 «IУАЩХЬЭМАХУЭ, МАХУЭГЪЭПС» РОМАНЫМ ТЕУХУЭ УЭРШЭР Приглашаем всех желающих!

  • «Уэсрэ Нэсрэ» тхылъыр ди КъБКъУ - м и библиотекэм естащ. Нобэ тхылъ тыгъэу щат махуэщ.

  • видео или голосовое, без подписи

  • видео или голосовое, без подписи

  • видео или голосовое, без подписи

  • видео или голосовое, без подписи

  • ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым гуманитар, социально - экономикэ дерсхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ итха «Постмодернистская полифония Зарины Кануковой» щIэныгъэ тхыгъэм и гугъу щищIащ «Уэсрэ Нэсрэ». - «Уэсрэ Нэсрэ» жанрыщIэкIэ гъэпсащ. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къэунэхури, абы зыщIишащ нэгъуэщI жанр лIэужьыгъуэхэм я хьэл – щэнхэм щыщи, я лъэщагъ гуэрхэри. Фантастикэр, детективыр, мелодрамэр, философие тхыгъэр, диныр къызыхэщ прозэр, тхыдэ романыр фэнтэзи жанрым и хамэкъым. Адыгэхэм мэгъугъэмрэ удыгъэмрэ хуаIэ еплъыкIэм фэнтэзи тхыгъэр нэхъри щIэщыгъуэ щIэхъукIащ, Заринэ ар екIуу къигъэIэрыхуати. Куэдым мэгъугъэр нэщэнэ щхьэхуэхэм ирапх. Адыгэ дунейм укIэлъыплъмэ, гу лъыботэ, мэгъугъэр, IуэрыIуатэр, телъыджэр цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ, и гупсысэм хэт, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм теухуауэ зэрыгъуазэ гуэру къазэрыдекIуэкIым. ЦIыхум и псэр псыхьа хъунымкIэ абы фIагъ хэлъу къысщохъу. Абы и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, Къаныкъуэ Заринэ Уэсрэ Нэсрэ ятриухуа и тхыгъэр къехъулIащ. IуэрыIуатэм къыхэIукI хуэдэу къытщыхъу «уи псэм утемылажьэ» псалъэхэм яподжэф. Адыгэм и псэр игъэтыншыркъым, адыгэм и псэр гуапэ ещI. ТетIысхьэпIэ лъахъшэ цIыкIухэр зыбгъэдэт Iэнэ лъакъуищым пэрысу шыгъу – пIастэ зыIуагъахуэрти адыгэхэм! Фи мыгугъэ адыгэлIхэм Iэнэ лъагэхэр е шэнтиуэ щабэхэр яхуэщIыну щымытауэ – аракъым щхьэусыгъуэр. Мыбы щIэлъ гупсысэр куэдкIэ нэхъ щIагъуэщ – апхуэдэ Iэнэ лъахъшэм кIыхьлIыхьу упэрысыфынукъым, урикъуу укъыпэрикъэжынуи Iэмал уиIэнукъым. Сыт хуэдэ ныбжьым итми адыгэм лы лей кIэрылътэкъым, и плIэр ухуат. Мыпхуэдэ щапхъэхэр ди лъэпкъ щэнхабзээм куэд дыдэу хэтщ.

  • 💭🕊Певучий героический, текст в оригинале напоминает язык эпоса и это не удивительно, автор писала книгу «Уэс и Нэс» под сильным впечатлением от языка Нартов. Те, кто читал, скажут - это не ретейлинг - это самостоятельный и фантазийный мир, созданный писательским мастерством. В Нальчике представили первую в истории кабардинской литературы фэнтези-трилогию «Нартары» Зарины Кануковой. P.s. Покорило выступление профессора - Людмилы Шауцуковой. Ее выступление хочу озаглавить: "Гедонизм не для нас"😁

  • Вести КБР-м ягъэлъэгъуам щыщ. «Уэсрэ Нэсрэ» тхылъым етщӏэкӏа пшыхьым теухуауэ.

НАРТАРХЭР адыгэ фэнтези — tgindex